Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэр

Ди зэІущІэхэм теухуауэ къащІэ. Ди зэІущІэхэр нэхъ ппэгъунэгъуу щекІуэкІ щІыпІэр къэгъуэт.

Нэхъ ппэгъунэгъу щІыпІэр къэгъуэтын (opens new window)

Ди зэІущІэхэр дауэ зэрекІуэкІыр?

Иеговэ и Щыхьэтхэм Алыхьым щыхуэлажьэ зэІущІэхэр тхьэмахуэм тІэу ирагъэкІуэкІ (Еврейхэм 10:24, 25). А зэІущІэхэм Библиер щыдодж икІи къатщІэхэр ди гъащІэм къызэрыдгъэсэбэп хъуным зыщыдогъасэ.

Апхуэдэ зэІущІэхэм и Іыхьэ иныкъуэхэм, школым урокхэр зэрекІуэкІым хуэдэу, къекІуалІэхэри хэтыфынущ. ЗэІущІэхэр зэрыщІидзэр икІи зэриухыр уэрэдрэ тхьэлъэІукІэщ.

Апхуэдэ зэІущІэхэм уекІуэлІэн щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэту Іэмал имыІэу ущытын хуейкъым. Абыхэм къекІуэлІэну гукъыдэж зиІэ псори къыдогъэблагъэ. Апхуэдэ зэІущІэхэм ахъшэ лъэпкъ щыхахкъым.