Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ХЪУМАКІУЭ ЧЭЩАНЭ № 3 2021 | ГъащІэ насыпыфІэм сыт ухуэзышэфынур?

ГъащІэ насыпыфІэм сыт ухуэзышэфынур? Мы упщІэм и жэуапыр мы журналым къыщыбгъуэтынущ.

 

Шынагъэ здэщымыІэ дунейм дэтхэнэ зыри щІохъуэпс

Иныкъуэм деж узыпэмыплъа икІи узыхуэмыхьэзыр гуэр къэхъуфынущ. Абы щыгъуэми гузэгъэгъуэмрэ гугъапІэмрэ зыфІомыгъэкІуэдыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Ди къэкІуэныр зэлъытар сыт?

Куэдым я гугъэщ я къэкІуэныр нэрымылъагъу къару гуэрхэм елъытауэ. Абы къыхэкІкІэ абыхэм Іэмалу щыІэр къагъэсэбэп, я къэкІуэну гъащІэр нэхъыфІ ящІын щхьэкІэ: астрологхэм зыхуагъазэ, фэншуйм и хабзэхэр ягъэзащІэ, лІахэр ягъэлъапІэ икІи реинкарнациер я фІэщ мэхъу.

ЩІэныгъэмрэ ахъшэмрэ гъащІэ насыпыфІэ къытхуахьыфыну?

ЦІыху куэдым къагурыІуащ щІэныгъэмрэ ахъшэмрэ узэрыщыгугъ псори къызэрыпхуамыхьыр.

ІуэхуфІхэр зэрытщІэм Іей дыхуэмызэну къикІрэ?

ЦІыхуфІу ущытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ауэ абы къикІкъым Іэмал имыІэу гъащІэ насыпыфІэ къыппэщылъу.

Сыт къыддэІэпыкъунур дызыщІэхъуэпс гъащІэр къытІэрыхьэн щхьэкІэ?

Унафэ гуэр тщІын ипэ, Іуэхум нэхъыфІу хэзыщІыкІ нэхъыжь гуэрым дочэнджэщ. Апхуэдэу щыщыткІэ, гъащІэ насыпыфІэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ, дэр нэхърэ куэдкІэ нэхъыжь икІи Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъым зыхуэдгъэзэнщ.

Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ

Дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ унафэ ищІын хуейр?

ГъащІэ насыпыфІэм сыт ухуэзышэфынур?

Сыт къозытынур гъащІэ насыпыфІэ?