Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ГъащІэ дахэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ!

ГъащІэ дахэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ!

Къихын:

  1. 1. ГъащІэр нобэ гугъущ, ди лъэр щІех,

    ГугъуехькІэ, гуауэкІэ гъэнщІащ.

    ГугъапІэрщ сигу щызгъафІэр сэ,

    Нэр зэтеспІамэ, ар солъагъу.

    ЕЖЬУ

    Жэнэт дызыпэплъэр ди нэгум щІэтщ.

    Дахащэщ гъащІэр, щІалэ дыхъужащ.

    ГуфІэгъуэ дигу илъу Иеговэ жетІэнщ:

    «ФІыщІэ мы махуэщІэм щхьэкІэ, ди Адэ, уэ пхудощІ!»

  2. 2. Зэхэзмыхыу гъащІэр есхьэкІащ,

    Сэ си нэми имылъэгъуж.

    Къэсынщ зэман, нэр къэплъэжынщ,

    Макъамэ дахэр зэхэсхынщ.

    ЕЖЬУ

    Жэнэт дызыпэплъэр ди нэгум щІэтщ.

    Дахащэщ гъащІэр, щІалэ дыхъужащ.

    ГуфІэгъуэ дигу илъу Иеговэ жетІэнщ:

    «ФІыщІэ мы махуэщІэм щхьэкІэ, ди Адэ, уэ пхудощІ!»

    ЗЭПЫЗЫЩІЭ ЕДЗЫГЪУЭ

    КъысхуэмыкІухьми, быдэу мэхъу си фІэщ:

    Узыншэ си Адэм сищІыжынщ!

    ЕЖЬУ

    Жэнэт дызыпэплъэр ди нэгум щІэтщ,

    Дахащэщ гъащІэр, щІалэ дыхъужащ.

    Зэгъусэу дыкъофэ, жыдоІэ дэ уэрэд,

    Махуэ нэхъыфІ дыдэхэр къэсащ!

    ЕЖЬУ

    Жэнэт дызыпэплъэр ди нэгум щІэтщ,

    Дахащэщ гъащІэр, щІалэ дыхъужащ.

    ГуфІэгъуэ дигу илъу Иеговэ жетІэнщ:

    «ФІыщІэ махуэм щхьэкІэ уэ пхудощІ!»