Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

146 УЭРЭДЫР

«Іуэху псори щІэуэ солэжь»

«Іуэху псори щІэуэ солэжь»

(Апокалипсис 21:1—5)

  1. 1. Дунейм нобэ къэхъум дэ наІуэ къытхуещІ:

    Тхьэм Хьисэ Пащтыхьу тригъэуващ.

    Хъужащ уафэр къабзэ — бийр темытыж,

    Мы щІылъэри къабзэ Тхьэм ищІыжынщ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ и шэтыр дыщІэтщ,

    Ар щабэу псоми къыдбгъэдэтщ.

    КІуэдынщ гъы макъыр, узыр, гуауэр,

    ЛІэныгъэр, нэпсыр, гузэвэгъуэр.

    Иеговэ псори щІэуэ еухуэж,

    И псалъэр къигъэпэжынщ!

  2. 2. Ерусалим къабзэри уафэм щоцІу,

    НысащІэ дахащэр гъэщІэрэщІащ.

    Щыгъын лъапІэ щыгъщ — нурыр къыщхьэщех.

    Иеговэ и нэхум ар егъэлынд.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ и шэтыр дыщІэтщ,

    Ар щабэу псоми къыдбгъэдэтщ.

    КІуэдынщ гъы макъыр, узыр, гуауэр,

    ЛІэныгъэр, нэпсыр, гузэвэгъуэр.

    Иеговэ псори щІэуэ еухуэж,

    И псалъэр къигъэпэжынщ!

  3. 3. А къалэр гуфІэгъуэкІэ зэфІагъэуващ,

    Сыт щыгъуи и куэбжэри зэІухащ.

    Иеговэ и нурыр къыттригъэтщ,

    А нурымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэнщ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ и шэтыр дыщІэтщ,

    Ар щабэу псоми къыдбгъэдэтщ.

    КІуэдынщ гъы макъыр, узыр, гуауэр,

    ЛІэныгъэр, нэпсыр, гузэвэгъуэр.

    Иеговэ псори щІэуэ еухуэж,

    И псалъэр къигъэпэжынщ!

(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 16:3; Апок. 12:7—9; 21:23—25.)