Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

18 УЭРЭДЫР

Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

(Лука 22:20)

  1. 1. Иеговэ, нобэ дэ

    уи пащхьэ лъапІэм дитщ.

    ФІыщэу уэ дызэрыплъагъур

    сыт щыгъуи тщІэжынщ.

    Уэ уи Къуэ щІасэм и псэр

    дэр щхьэкІэ птыфащ.

    УасэшхуэкІэ, Иеговэ,

    псори дыкъэпщэхуащ.

    ЕЖЬУ

    ЛІэныгъэм дыкъыІэщІихащ,

    лъы къабзэм гъуэгу тхузэІуихащ.

    Дэ сытым деж

    а тыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ уэ пхуэтщІынщ!

  2. 2. Уэ уи Къуэ Хьисэ и псэр

    псом щхьэкІэ итащ.

    И лъы лъапІэр

    цІыхуу хъуам щхьэщэхуж яхуэхъуащ.

    Хуэмыдэу зыми

    гугъэ дахэр къыдитащ.

    Иеговэ тхуигъэхьэзыращ

    гъащІэ мыухыж.

    ЕЖЬУ

    ЛІэныгъэм дыкъыІэщІихащ,

    лъы къабзэм гъуэгу тхузэІуихащ.

    Дэ сытым деж

    а тыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ уэ пхуэтщІынщ!

(Абы нэмыщІ феплъ Евр. 9:13, 14; 1 Пет. 1:18, 19.)