Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

91 УЭРЭДЫР

Лъагъуныгъэм къыхэкІыу Иеговэ хуэтщІэр

Лъагъуныгъэм къыхэкІыу Иеговэ хуэтщІэр

(Псалом 127:1)

  1. 1. Иеговэ, уэ дынолъэІу,

    Дигу къикІ тхьэлъэІур уэ къытІых.

    Дыкъыхэлынду дэ мы дунейм

    Уи Щыхьэт дыпщІащ.

    Дыщыпхуэлажьэм, Алыхь,

    Уи нэфІ къытщыхуэу дэ долъагъу.

    Мы Унэ щытым ар наІуэ ещІ,

    ФІыщІэ уэ пхудощІ.

    ЕЖЬУ

    Уи Унэр, Иеговэ лъапІэ,

    Дыухуэну дзыхь уэ къытхуэпщІащ.

    Ди ІуэхукІи, псалъэкІи дгъэлъагъуэу, пщІэ уэ пхуэтщІынщ,

    Мы щІылъэм ущыдгъэлъэпІэнщ.

  2. 2. ГуфІэгъуэр псоми дигу илъщ,

    Дэ ныбжьэгъуфІ дызэхуэхъуащ.

    Сыт щыгъуи фІыщІэ ар псоми тщІынщ,

    Нэхъ зэкъуэт дыхъунщ

    Уи къару лъапІэр тлъэгъуащ —

    Лэжьыгъэр псынщІэ уэ тщыпщІащ.

    УэрэдкІэ фІыщІэ дэ уэ пхудощІ,

    ЛъапІэу ди Алыхь!

    ЕЖЬУ

    Уи Унэр, Иеговэ лъапІэ,

    Дыухуэну дзыхь уэ къытхуэпщІащ.

    Ди ІуэхукІи, псалъэкІи дгъэлъагъуэу, пщІэ уэ пхуэтщІынщ,

    Мы щІылъэм ущыдгъэлъэпІэнщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 116:1; 147:1; Рим 15:6.)