Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2 разделыр къэпщытэжын

2 разделыр къэпщытэжын

Уезыгъаджэм и гъусэу мы упщІэхэр зэпкърыфх:

  1. Алыхьым дин нэпцІым сыт ирищІэнур?

    (13 урокым еплъ.)

  2. Фыкъеджэ Исход 20:4—6.

    • ЦІыхухэр Алыхьым щыхуэлажьэкІэ сурэтхэр къызэрагъэсэбэпым Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?

      (14 урокым еплъ.)

  3. Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?

    (15 урокым еплъ.)

  4. Хьисэ и хьэл-щэнхэм щыщу дэтхэнэра нэхъ уигу ирихьыр?

    (17 урокым еплъ.)

  5. Фыкъеджэ Иуан 13:34, 35, Апостолхэм 5:42.

    • Хэт нобэ Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэр? Сыт ар уи фІэщ зыщІыр?

      (18, 19 урокхэм еплъ.)

  6. Зэхуэсым и щхьэу хэт щытыр икІи ар дауэ зэхуэсым зэрыкІэлъыплъыр?

    (20 урокым еплъ.)

  7. Фыкъеджэ Маттэ 24:14.

    • Мы псалъэхэр дапхуэдэу ди зэманым къызэрыхъур?

    • Библием ит хъыбарыфІымкІэ зыгуэрым удэгуэшэну Іэмал уиІа?

      (21, 22 урокхэм еплъ.)

  8. Псым зыщІэбгъэуэныр уи дежкІэ мурадыфІу къэплъытэрэ? Сыт щхьэкІэ?

    (23 урокым еплъ.)

  9. ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ зыщыпхъумэн щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

    (24 урокым еплъ.)

  10. Алыхьым цІыхухэр сыт къыщІигъэщІар?

    (25 урокым еплъ.)

  11. Сыт цІыхухэр гугъу щІехьыр икІи щІэлІэр?

    (26 урокым еплъ.)

  12. Фыкъеджэ Иуан 3:16.

    • Гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихын щхьэкІэ, Иеговэ сыт ищІар?

      (27 урокым еплъ.)

  13. Фыкъеджэ Экклезиаст 9:5.

    • ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?

    • Дунейм ехыжа цІыху миллиард куэдым щхьэкІэ сыт Хьисэ ищІэнур?

      (29, 30 урокхэм еплъ.)

  14. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэхърэ нэхъыфІ щІыщымыІэр сыт?

    (31, 33 урокхэм еплъ.)

  15. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар уи фІэщ хъурэ? Сыт ар уи фІэщ зыщІыр? Дапщэщ абы тепщэн щыщІидзар?

    (32 урокым еплъ.)